|
Статья
24 февраля, 2021 - 10:02
Дэтхэнэ бзэри зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъугъуэфIыгъуэ инщ, къэхъугъэ лъапIэщ. Ар щымыIэжыным къихь гузэвэгъуэр куэдкIэ нэхъ зыхэщIэгъуэщ, псалъэм папщIэ, щIыуэпсым и къэкIыгъэ е псэущхьэ лъэпкъыгъуэ гуэр кIуэдыжыным нэхърэ. Бзэр щымыIэжмэ, дунейм токIуэдыкIыж илъэсищэ бжыгъэкIэ лъэпкъ щхьэхуэм иухуа и хабзэр, щэнхабзэр, езы лъэпкъри адрейхэм яхошыпсыхьыж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъ лъэпкъышхуэхэм я бзэм лъэпкъ мащIэхэм я щэнхабзэри анэдэлъхубзэри утыкум ирегъэкI.
24 февраля, 2021 - 09:56
Мы гъэм илъэс 22-рэ мэхъури дунейм и щIыпIэ куэдым щагъэлъапIэ Анэдэлъхубзэм и махуэшхуэр. Къэхъугъэу Тхьэм къигъэщIахэм я нэхъыщхьэхэм халъытэ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Ар бзэ къудейкъым - ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.
24 февраля, 2021 - 09:50
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ!
Нобэрей махуэшхуэм дэ Iэтауэ догъэлъапIэ зи гъащIэр дзэм къулыкъу щыщIэным тезыухуахэр, Хэкум гурэ псэкIэ хуэпэжхэр, къэралым щыпсэухэм я шынагъуэншагъэмрэ зэIузэпэщ псэукIэмрэ къызэзыгъэпэщхэр. Дэ дрогушхуэ урысей армэмрэ флотымрэ лIыхъужьыгъэкIэ псыхьа я тхыдэм, дыщалъхуа щIыналъэм и хуитыныгъэмрэ ар зыми и унафэ щIэмытынымрэ щIэбэна ди зауэлIхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ.
24 февраля, 2021 - 09:39
КIуэкIуэ Казбек мазаем и 17-м щыIащ дуней къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэм къыхэкIыу хэщIыныгъэ зыгъуэта Iуащхьэмахуэ щIыналъэм. Жьышхуэм, уэс куэд зэуэ къызэресам я зэран екIащ цIыхухэм я псэупIэхэм. Иджыпсту яужь итщ ныкъусаныгъэхэр гъэзэкIуэжыным. Абы кIуэн ипэкIэ, Iэтащхьэм Правительствэм пщэрылъ щищIащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъэкъуэну.
24 февраля, 2021 - 09:37
Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарь Патрушев Николай мазаем и 19-м Ставрополь къалэм щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм лъэпкъ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа зи чэзу Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
Зэхуэсым хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, округым хыхьэ щIыналъэхэм я унафэщIхэр, урысей министерствэ, IуэхущIапIэ зыхуэфащэхэм я лIыкIуэхэр.
24 февраля, 2021 - 09:06
ЦIыхур къыщалъхуамрэ щылIэж махуэмрэ зэпэблагъэщ жаIэ. ГъащIэр абы куэдрэ щыхьэт тохъуэ. Мы гъэм и щIышылэ мазэм и пэщIэдзэм дунейм ехыжащ сабий хирург, эндоскопист цIэрыIуэ Елъчэпар Хьэсэн БетIал и къуэр. Мазаем и 15-м абы и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирикъунут.
24 февраля, 2021 - 08:57
2021 гъэм мазаем и 14-м дунейм ехыжащ Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ Следственнэ управленэ нэхъыщхьэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэхэгъэкIынымкIэ и управленэм и унафэщI, юстицэм и генерал-майор Тхьэкъуахъуэ Мурат Альберт и къуэр.
Тхьэкъуахъуэ М. А. Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан къуажэм 1970 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м къыщалъхуащ. 1995 гъэм абы Ростов къэрал университетыр къиухащ «юриспруденция» IэщIагъэр иIэу. Тхьэкъуахъуэм следователу лэжьэн щыщIидзащ Аруан щIыналъэм и прокуратурэм.
24 февраля, 2021 - 08:55
«КIуэрыкIуэ сурэт джэгу» - аращ зэреджэр мы махуэхэм Налшык къалэ щекIуэкI сурэт гъэлъэгъуэныгъэм. Абы и утыкум кърахьэнущ иужьрей илъэс тIощIырыпщIым сурэт щIыным къыщыунэхуа унэтIыныгъэщIэхэм тету лажьэ, Кавказ Ищхъэрэм щыщ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
24 февраля, 2021 - 08:52
Нэгъабэ гъатхэпэм и 5 - 12-хэм, Кавказым ис лъэпкъхэм я махуэхэр Париж щагъэлъапIэм хыхьэу, Дунейпсо Арткомитетым, ЮНЕСКО-м, Щэнхабзэ ДипломатиемкIэ Дунейпсо Зэгухьэныгъэм зэгъусэу зэхыхьэ гукъинэжхэр къызэрагъэпэщащ.
24 февраля, 2021 - 08:47
Совет зауэлIхэр къызэрырашыжрэ илъэс 32-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Афганистаным щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъым и деж пэкIу щекIуэкIащ. Дунейр зэрыщIыIэм щхьэкIэ къэмынэу абы цIыху куэд къекIуэлIат.
Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур пэкIур къыщызэIуихам жиIащ:
Страницы
|