Адыгэ пелуан къищIыкIыну!![]() Шордакъ къуажэм щыщ Хьэмыкъуэ Сулеймэн илъэсибл ирокъу. И ныбжьым емылъытауэ и хьэлъагъыр килограмм 78-рэ мэхъу икIи Къардэн Ахьмэд и деж тхэквондом зыщыхуегъасэ. А ныбжьыщIэм Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым цIыху мин 20-м щIигъу щыкIэлъоплъ. Сулеймэн и адэшхуэм зэрыжиIэмкIэ, Хьэмыкъуэхэ я лъэпкъым нэхъапэм пелуан къахэкIащ. Хэт ищIэрэ Сулеймэни апхуэдэ хъун и Iуэхум хэлъщ!
Читать далее
|