«Круг добра» зыфIаща фондым мы гъэм лэжьэн зэрыщIидзэм имыгъэгуфIа щыIэу къыщIэкIынкъым. Сыту жыпIэмэ, телеканал къэс уи гур ягъэузу къагъэлъагъуэ сабий сымаджэхэм я хъыбар щызэхэпхкIэ, уи щхьэм япэу къихьэ упщIэр «Мыбыхэм къэралыр хуэмейуэ ара?» жыпIэнырт. ЕтIуанэр - апхуэдиз яхузэхэмыдзэурэ, сабийр яIэщIэкIмэ-щэ? Ещанэр - ди къэрал къулейм и цIыхухэр я Iэр шияуэ дэтын щхьэ хуей я быныр ажалым е ныкъуэдыкъуагъэм къыIэщIагъэкIын папщIэ?
ХэкIыпIэу къагъуэтаращи, зы илъэсым сом мелуанитху хэхъуэу зиIэхэм 2021 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ ят налогыр (НДФЛ) процент 15 ящIащ. ЗэрытщIэщи, къулеми къулейсызми зэхуэдэу процент 13-т ятыр, зэфIэкI зиIэхэм я хэхъуэр ямыгъэпщкIуным теухуауэ апхуэдэу ящIауэ жаIэу. Мы хабзэщIэм и фIыгъэкIэ сом мелард 60 бюджетым къыхэхъуэнущ мы гъэм. ЗэрыжаIэмкIэ, етIанэгъэ ар сом мелард 64-рэ хъунущ, 2023 гъэм - мелард 68,5-рэ.
Мы ахъшэр зэрыщыту трагъэкIуэдэнущ узыфэ хьэлъэ зыгъэв сабийхэм: хущхъуэ лъапIэхэр, Iэмэпсымэхэр кърыращэхунущ, иужьрейуэ къежьа техникэщIэхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ операцэ зыщI дохутырхэр.
Ахъшэм щыщ зы соми лъэужьыншэ мыхъун папщIэ фондым и нэIэ тетынухэм хагъэхьащ ди къэралым и цIыху цIэрыIуэхэм ящыщ, дохутыр, актёр, диным и лэжьакIуэ жыпIэми. Фондым и унафэщIщ Ткаченкэ Александр - ар езыр дин лэжьакIуэщ, сабийхэм узыфэ хьэлъэр щыдагъэпсынщIэ сымаджэщым и къызэгъэпэщакIуэщ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреатщ. Александр зэрыжиIащи, псом япэр хущхъуэ лъапIэ, гъуэтыгъуей хуэныкъуэхэм я лъэIу тхылъхэр къызэрыIах щIыкIэр псынщIэу яубзыхунырщ. Апхуэдэу мы мазэм къаIэрыхьахэм хоплъэ, хущхъуэхэр къащэхунущ мазаем и япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ. Иджыпсту щIэгъэхуэбжьауэ йолэжь лъэIу тхылъым и зы жыпхъэ зэхэгъэувэным. Абы фондым дэлэжьэну экспертхэм я советыр арэзы техъуэмэ, фондым и сайтым къралъхьэнущ. Адэ-анэхэм я Iуэхур щагъэпсынщIэн щхьэкIэ, сайтым къинэмыщIауэ, лъэIу тхылъыр фондым ебгъэхьыфынущ пощткIэ, а лъэIу тхылъыр къыбгъэдэкI хъунущ сабийм къеплъ дохутырым е узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм и IэщIагъэлIым.
Сабий гематологиемкIэ, лышхымкIэ, иммунологиемкIэ Лъэпкъ центр Рогачёв Димэ и цIэр зезыхьэм и президент Румянцев Александр зэрыжиIэмкIэ, узыфэ хьэлIэ лIэужьыгъуэу 30 сабийхэм яхуэлъэ хъуащ, ауэ ахэр къыпхуегъэлынущ, я хущхъуэгъуэ ягъуэтмэ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм и IэщIагъэлIхэм къалъытэ фондыр мы гъэм сабий мини 4-м ядэIэпыкъуфыну. Абыхэм щхьэкIэ къащэхунущ сом мелард 47-рэ и уасэ хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэу 41-рэ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Румянцевым къыхегъэщ «Круг добра» фондым и закъуэ мы Iуэхум зэрыпэмылъэщынур, узыфэ хьэлъэ зи натIэ хъуа сабийхэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэм нэгъуэщI Iэмали къыхуэгупсысын зэрыхуейр.
Абы жиIэм дыщIегъу Федермессер (Аннэ) Нютэ - сабий сымаджэ хьэлъэхэр зыщIэлъ сымаджэщхэм ядэIэпыкъу «Вера» фондыр къызэзыгъэпэщам. Бзылъхугъэм къызэрилъытэмкIэ, фондым и ахъшэр хущхъуэращ зытригъэкIуэдэн хуейр, Iэмэпсымэхэри къащэхуу щIадзэмэ, мылъкур здагъэкIуэнум хэдэн хуей хъунущи. НэгъущI зы Iуэхуми абы гу лъыдегъатэ: узым пэщIэтурэ илъэс 18 ирикъуам адэкIэ хэт къыдэIэпыкъунур? Нютэ къызэрилъытэмкIэ, фондым и нэIэ зытригъэтынухэм я ныбжьыр илъэс 25-м нэс гъэIэпхъуэн хуейщ, ахэр узым имыубыдыжын е игъуэнэмыс мыхъун папщIэ.