КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек тхьэмахуэ махуэ кIуам Налшык къалэм и ипподромым щыIащ.
«ШыгъэжапIэм и унафэщIхэмрэ шы гъэхъуным елэжьхэмрэ ящIыгъуу дытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым шы спортым, шы гъэхъун IэнатIэм зыщегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэм, апхуэдэуи ипподромыр нэхъыфIу лэжьэным, шыгъажэхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм.
Шы гъэхъуныр Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я лъэпкъ щэнхабзэм щыщ Iыхьэу къадокIуэкI, абы къыхэкIыу Кавказым и мызакъуэу къэрал псом илъэс куэд ипэкIэ цIырыIуэ щыхъуа Налшык ипподромым зригъэхъулIахэр, и хабзэфIхэр Iэмал имыIэу хъумэн хуейщ.
Шы зыгъэхъухэм я лIыкIуэхэм ящIыгъуу и гугъу тщIащ IэнатIэм зыщыIууэ лъэпощхьэпохэми. Къапщтэмэ, комплексым и инфраструктурэр, абы щхьэ зытелъ манежри хэту, зыхуей хуэгъэзэным дытепсэлъыхьащ.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхущ шыгъажэхэр къызэгъэпэщыныр, щIыналъэ, урысейпсо зэхьэзэхуэхэр зэрырагъэкIуэкI мардэхэм тету ахэр нэхъыбэ щIыныр», - щетх КъБР-м и Iэтащхьэм инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.