«Биолог-Новокубанск» (Прогресс) - «Спартак-Налшык» (Налшык) - 1:0 (1:0). Прогресс. «Биолог» стадион. Мэлыжьыхьым и 3-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.
Судьяхэр: Хромей (Воронеж), Головченкэ (Дон Iус Ростов), Гаджигусейнов (Мэхъэчкъалэ).
«Биолог-Новокубанск»: Суворов, Охрименкэ, Старков (Борисов, 27), Хибабэ, Каргин, Циберкин (Степанович, 90), Селеменев (Чувилов, 54), Салахетдинов, Малыш (Любченкэ, 90), Марченкэ, Лесников.
«Спартак-Налшык»: Антипов, КIэдыкIуей (Ольмезов, 75), Тебэрды, Шумахуэ, Мэкъуауэ, Джатэрывэ, Хьэшыр, Iэпщацэ, Жангуразов (Бахъсэнокъуэ, 62), ХъутIэ, Багъэтыр (Ашу, 64).
Топыр дигъэкIащ: Лесниковым, 43 (1:0).
Дагъуэ къыхуащIащ: Охрименкэ, Селеменовым, Шумахуэм, Багъэтырым, Марченкэ, ХъутIэм, Салахетдиновым.
Джэгум къыхахуащ: Чувиловыр.
«Спартак-Налшыкым» дэщIхэм, аргуэрыжьти, я гур хэщIащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм епщыкIущанэ увыпIэм фIэкIа щызымыIыгъ Прогрессым и «Биолог-Новокубанск»-м ар къихигъэщIащ. Абы щыгъуэми я хьэрхуэрэгъухэр 73-нэ дакъикъэм къыщыщIэдзауэ зы цIыхукIэ нэхъ мащIэу щытащ, ди щIалэхэм ящыщ зым фэбжь зэрыридзам къыхэкIыу я гъуащхьэхъумэныкъуэ Чувиловыр джэгум къызэрыхахуам къыхэкIыу. Щхьэ бжыгъэкIэ зэрынэхъыбам налшыкдэсхэм я фейдэ къыхахыфакъым икIи, Iуэхур ягъэзэкIуэжыну зэман кIыхь яIа пэтми, зы очкэ нэхъ мыхъуми къахуегъэлакъым.
Псом хуэмыдэу гухэщIщ ди гъуащхьауэхэм уахэплъэну. Иужь джэгугъуитхум къриубыдэу абыхэм зы топ закъуэ я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIыфауэ аращ. А Iуэхугъуэр къащехъулIари зэхьэзэхуэм кIэух дыдэ увыпIэхэм ящыщ зым щыщыт «ЕсэнтIыгур» къыщрагъэблэгъаращ. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, зыхуагъэувыжа къалэн мащIэри - командэ нэхъыфIитхум яхэту зэпеуэр яухыну - зэрахуэмыгъэзэщIэнур нэрылъагъущ. Зэхьэзэхуэр и кIэм нэблэгъэху дэтхэнэ зы очком и уасэр нэхъ лъапIэж зэрыхъунуми шэч хэлъкъым.
«Спартак-Налшыкым» мыгъэрей зэпеуэр зэрынилъэфэсыным хущIэкъуми, Краснодар крайм и командитIыр лIэн-къэнэну бжьыпэм иризоныкъуэкъу. Фызэрыщыгъуазэщи, япэ увыпIэр къэзыхьым и закъуэщ япэ дивизионым ягъэкIуэнур. Иужьу зэхэта джэгугъуэм «Кубань»-мрэ «Кубань-Холдинг»-мрэ я щытыкIэм зригъэхъуэжащ. Мэхъэчкъалэ пашэу кIуа краснодардэсхэм бжыгъэр къызэIуахами, «Легион-Динамо»-м пэщIэтыфакъым. Ар хъарзынэу къагъэсэбэпащ я ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэхэм: хуабжьу гугъу дехьами, ди лъахэгъу ДыщэкI Аслъэн зи пашэ «Кубань-Холдинг»-м къыхуеблэгъа ставрополдэсхэр хигъэщIащ икIи зэхьэзэхуэм бжыпэр щиубыдыжащ.
ЯфIэкIуэда очко бжыгъэр къэплъытэмэ, япэ ищахэм къазэрыкIэрыху щыIэкъым Новороссийск и «Черноморец»-ри. Къэнэжа джэгугъуэ пщыкIуз-пщыкIутIым къагъэлъэгъуэнущ хэт и насып нэхъ къикIынуми.
Иджы щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ иужьу зэхэта зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: «Дружба» (Мейкъуапэ) - «ТIуапсы» (ТIуапсы) - 3:2, «Форте» (Таганрог) - «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) - 2:0, СКА (Дон Iус Ростов) - «Интер» (Черкесск) - 4:2, «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) - «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) - 0:3, «Кубань-Холдинг» (Павловскэ) - «Динамо Ставрополь» (Ставрополь) - 2:1, «Краснодар-3» (Краснодар) - «Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ) - 0:1, «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) - «Кубань» (Краснодар) - 2:1.
Мэлыжьыхьым и 10-м къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр зэхэтынущ. А махуэм «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъэнущ Новороссийск и «Черноморец»-р.