Къаскъулхэ Владимиррэ СэIихьэтрэ япхъу Iэсият зэрысабийрэ егъэджакIуэ IэщIагъэм щIэхъуэпсырт. Нэхъуеиншэу, фIэгъэщIэгъуэну сыт хуэдэ предметри курыт школым щиджырт, атIэми псоми къахигъэщхьэхукIырт адыгэбзэмрэ литературэмрэ. А предметхэмкIэ егъэджакIуэ хъуну гурылъ зыщIа Iэсият и хъуэпсапIэр зригъэхъулIащ, и чэзур къэсри.
Iэсият Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Совхознэ жылэм къыщалъхуащ. Щlалищым я еплlанэр пщащэ цlыкlуу къыщыщlэкlым адэ-анэр хуабжьу щыгуфlыкlахэщ. ЕхъулIэныгъэфIхэр иIэу 1985 гъэм курыт еджапIэр къиухри, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Налшык дэт училищэм щIэтIысхьащ. 1988 гъэм Iэсият ари фIы дыдэу къиухри, щалъхуа къуажэм и курыт школым егъэджакIуэу щылэжьэну уващ. А илъэсми ар Къармэхьэблэ дэс Багъхэ я унагъуэ ихьащ. Мы зэманым Iэсият Къармэхьэблэ дэт курыт еджапIэ №3-м щыIэщ.
- ЕгъэджакIуэ IэщIагъэр хуабжьу гъэщIэгъуэнщ, - и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ Iэсият. - Апхуэдэуи ар гугъущ. Куэдым яхузэфIэкIыркъым егъэджакIуэ хъуну. Абы щхьэкIэ ар уи лъым хэту укъалъхун хуейщ. Гугъуехь псори пщхьэщокIыж, щIэблэм щIэныгъэ куу бгъэдэлъу къэбгъэхъуа нэужь. Нэмыцэ усакIуэ Iэзэ Гёте зэрыжиIауэ, «щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхур щIэнгъуазэ пэлъытэщ». Насыпкъэ-тIэ, щIэнгъуазэ пэлъытэу къэбгъэхъуа сабийр?
Iэсият нобэми гуапэу игум илъщ къуажэ курыт школым щезыгъэджахэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, Совхознэм дэт курыт школым егъэджакIуэ лъэщхэр дапщэщи хуэщщ. Апхуэдэхэщ абы и япэ егъэджакIуэу щыта Къаскъул Еленэ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджа Нэхущ Светланэ, класс унафэщIу иIа, физкультурэмкIи езыгъэджа Мэшыкъуэ МутIэлэмис. Абы и фIыгъэщ пщащэ цIыкIур еджэным къыдэкIуэу волейболми дихьэхауэ зэрыщытари, щытхъу тхылъхэри волейбол зэпеуэхэм мызэ-мытIэу къызэрыщратари. ЕджапIэм дэлъ лэжьыгъэ псори къызыхуэтыншэу къызэригъэпэщырт школ унафэщIу щыта Махуэ Борис.
Илъэс 30-м щIигъуауэ егъэджакIуэу лажьэ Iэсият езым и методикэфI, Iуэху зехьэкIэ пэрыт иIэжщ. Апхуэдэу абы сабийхэм хьэрф зэгуэтхэр щаригъэджкIэ дэIэпыкъуэгъу лъэщ ещI усэ кIэщI цIыкIухэр. Ахэр гукIэ зэзыгъащIэ еджакIуэ цIыкIухэм нэхъ тыншу къащтэ щIэныгъэр. Куэдым щапхъэ зытрах Iэсият и нэIэм щIэт сабийхэр адрейхэм къахощ зыхэщIэгъуэу усэхэм, тхыгъэхэм къызэреджэмкIи.
- ЩIэблэр анэдэлъхубзэм пщIэ хуащIу къэгъэхъупхъэщ, - жеIэ егъэджакIуэм. - Си гъэсэнхэм а фIыгъуэр яIурылъщ. АдыгэбзэкIэ екIуэкI зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я утыкухэм къохьэ, ябгъэдэлъ щIэныгъэфIыр къагъэлъагъуэу. Сэ садолажьэ Хьэтlохъущокъуэ Къазий и цlэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэм. Абы къызэригъэпэщ «Джэгурэш» зэпеуэм си еджакlуэ цlыкlухэм ехъулlэныгъэфlхэр къыщахь.
Къимыдэкlэ, Iэсият иригъаджэхэр «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» джэгу-зэпеуэ лlэужьыгъуэми хэтщ. Апхуэдэу абыхэм язогъащIэ лъэпкъ шхыныгъуэхэм я пщэфIыкIэр.
Iэсият унагъуэ дахи и щIыбагъ къыдэтщ. Абырэ и щхьэгъусэ Русланрэ щIалищ зэдапIащ: Аслъэн, Адмир, Альберт сымэ. Ахэр псори спорт Iуэху щыхуеджащ КъБКъУ-м, IэщIагъэлI хъуауэ, щIэблэр узыншэу, къарууфIэу къэгъэхъуным толажьэ.