Гузэвэгъуэ хэхуа цIыхур зэхэзыщIыкIын, Iуэхур къыдэзыIыгъын ирихьэлIэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэмыдэу узыншагъэм игъэдзыхэр IэщIагъэлI нэсым и чэзум пэщIэхуэныр куэд и уасэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ дэ ди насып къикIащ.
Пандемием и лъэхъэнэм гугъуехь нэхъыбэ зи пщэ къыдэхуар медицинэм и лэжьакIуэхэрщ. Узыфэ шынагъуэм пэщIэувахэм яхэтащ Налшык къалэ дэт стоматологие поликлиникэ №1-м и дохутыр Яшинэ Эрикэ. Ар щылэжьащ республикэм и Сабий клиникэ сымаджэщым узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм щеIэзэу щыIэ госпиталым.
Иужьрей илъэсым жылагъуэм медицинэ лэжьакIуэхэм хуаIэ щытыкIэм икъукIэ зихъуэжащ. Пандемием дуней псом ягу къигъэкIыжащ дохутыр IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Я щхьэ щымысхьыжу икIи узым пимыкIуэту коронавирус шынагъуэм бэнэныгъэ гуащIэ драгъэкIуэкI абыхэм.
2019 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм Китайм и Ухань къалэм къыщежьа коронавирус узыфэ шынагъуэм илъэсым щIигъуауэ дуней псор пэщIэтщ. Мы зэманым ирихьэлIэу ар япкърыту Урысейм къыщахутащ цIыху мелуани 4-м щIигъу, абыхэм ящыщу мин 87-м нэблагъэр лIащ.
И ныбжькIэ щIалэми, лэжьыгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэмылъми, зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIыу зыкъигъэлъэгъуащ дохутыр ЛIыхъугу Аринэ. Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щеIэзэу щыIэ госпиталым, езым и жэрдэмкIэ, мазиплIкIэ щылэжьащ а пщащэр.
СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрырщ коронавирусым щеIэзэ япэ госпиталыр къыщызэIуахар. Къапэщылъыр зэрымыIуэху тыншыр, я гъащIэмкIи шынагъуэншэу зэрыщымытыр къагурыIуэми, абы и лэжьакIуэхэр гугъуехьым къыпимыкIуэту узыфэм жылагъуэр зэрыщахъумэным я зэфIэкIи, я къаруи халъхьащ.
Илъэс 35-рэ хъуауэ Бахъсэн район сымаджэщым и хирургие къудамэм медсестрауэ щыIэ Бакъ Марие и пщIыхьи къыхэхуэртэкъым зэгуэр зыпэрыт IэнатIэр ихъуэжыну.
ГъащIэм и IэфIыр цIыхухэм нэсу зыхащIэну къыщIэкIынтэкъым, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм еIэзэ дохутырхэр щымыIамэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, зи гъащIэр медицинэм тезыухуа, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ дохутырхэр и мащIэкъым ди лъахэм.
Предыдущие номера
Последнее
Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ IэнатIэм къигъэнэIуа бжыгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, блэкIа илъэсым ди республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту шэуэ къашар тонн мин 537,5-рэ мэхъу. Ар ипэ ита илъэсым нэхърэ проценти 4,5-кIэ нэхъыбэщ.
Гъатхэпэм и 2, гъубж
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ щыIащ ЩIыналъэм унафэ хуэщIынымкIэ центрым, илъэс кIуам и щэкIуэгъуэ мазэм къызэIуахам.
Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыщ Терскол жылэм «Демографие» лъэпкъ проектым хыхьэу 2020 гъэм щызэфIэкIащ цIыкIу 40-м щадэлэжьэным тещIыхьа сабий яслъэ. Ар къэралым къигъэув мардэ псоми изагъэу ящIащ. УнэщIэм хэтщ сабий пIыным, гъэсэным, абыхэм я къэухьым зегъэужьыным хуэунэтIауэ зыхуеину псори, сабийхэр щыджэгуну, щыжеину пэшхэр нэхущ, хуитщ, спортзал, я шхыныр щагъэхьэзырыну къудамэ, медицинэ пэш яIэщ.
КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ лэжьапIэншэу зезыгъэтхахэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 27-м Республикэм и Правительствэм и Унэм щахуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.
КъБР-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Ащхъуэт Ислъам лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ УФ-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Иванов Олег. ЗэIущIэм щызэпкърахащ «ХъыбарегъащIэ Iэмалхэр» щIыналъэ проектым хыхьэ «Бжыгъэр зи тегъэщIапIэ экономикэр» лъэпкъ программэр гъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхухэр. ПсынщIэ дыдэу лажьэ интернетым 2021 гъэм къриубыдэу падзэнущ республикэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэ, фельдшер-акушер пункт псори.
ГъащIэм къытпигъаплъэр зыми тщIэркъым, цIыхур фIы хуэплъэу къигъэщIащи, Iейр, гузэвэгъуэр ди щхьэм хуэдмыхьу допсэу. Хэт и гугъэнт илъэсым щIигъуауэ дуней псор зыгъэгулэз коронавирус узыфэ зэрыцIалэм апхуэдэ щытыкIэ гугъум дригъэувэну, гъащIэм и лъапIагъыр нэсу зыхыдигъэщIэну. Нэхъапэхэм цIыхухэр узым гурыщхъуэщIу хущытами, кIуэ пэтыхукIэ абы и «хъым» ихуэм къыхохъуэри, иджы нэхъыбэм гущтэ яIэ хъуащ.
Мазаем и 27, щэбэт
Урысейм щыпсэухэр бжыным и сайтым хъыбар къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм и Правительствэм къэралым исхэр зыхуэдизыр къэлъытэныр 2021 гъэм и фокIадэ мазэм ирагъэкIуэкIыну унафэ къищтащ. Дунейр зэщIэзыщта COVID-19 узыфэр а пIалъэм ирихьэлIэу нэхъ кIэщхъэну, цIыху зэхыхьэри нэхъыбэ хъужыну щогугъ.