КIуэкIуэ Казбек мазаем и 20-м иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз.
Мы гъэм илъэс 22-рэ мэхъури дунейм и щIыпIэ куэдым щагъэлъапIэ Анэдэлъхубзэм и махуэшхуэр. Къэхъугъэу Тхьэм къигъэщIахэм я нэхъыщхьэхэм халъытэ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Ар бзэ къудейкъым - ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.
Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарь Патрушев Николай мазаем и 19-м Ставрополь къалэм щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм лъэпкъ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным ехьэлIа зи чэзу Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
Зэхуэсым хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, округым хыхьэ щIыналъэхэм я унафэщIхэр, урысей министерствэ, IуэхущIапIэ зыхуэфащэхэм я лIыкIуэхэр.