Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ щIыпIэ къулейхэм, дахэхэм хохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Гъунапкъэншэщ, къыпхуэмыIуэтэным хуэдэуи дахащэщ ди республикэм и щIыуэпсыр: «Джэдмышх», «Шэджэм» псыкъелъэхэр, зыми емыщхь ди Гуэл ЩхъуантIэхэр, Аушыджэр къыщыщIэж псы хуабэхэр, псори дызэрыгушхуэ ди Iуащхьэмахуэ бгы лъагэр, нэгъуэщIхэри.